Текст песни щы1эныгъэ орэд
Обновлено: 23.11.2024
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Дыщхьэхуитщи дэни докӏуэ —
Демократием зиубгъуащ,
Бэзэр гъащӏэ щыӏэныгъэм
Цӏыхуу щыӏэр итхьэкъуащ.
Япэм дэ Шанхаим дыкӏуэт
Къэтлъыхъуэну фадэхэкӏ,
Умыщхьэхыу укъыщӏэкӏым
Иджы дэни щыбогъуэт.
И нэр къижу къыпкӏэлъыплъу
Дауэрэ гъуэгум къытебнэн,
Умылажьэм умыпщӏантӏэм
Хэт губампӏэр хуэпӏуэтэн.
Хьэблэ цӏыкӏур дожьэражьэ,
Къытпэщӏэхуэр доунэщӏ.
Къытхэтыжкъым зыри лажьэ,
Къытӏэрыхьэр доунэщӏ.
Тщӏащ ди фызхэр зэхэзехуэ,
Дыкъалъагъумэ зэбгырож.
Аркъэпсыжьым дызэрехуэ,
Ӏэфӏи фӏэӏуи дымыщӏэж.
Ди ефэкӏэр ягу ирохьри,
Аркъэ уасэр дырахуей.
Махуэ къэскӏэ пщӏы къыдохьри
Фадэ зыщэрщ дэ къытхуейр.
Арщ ныбжьэгъухэ, перестройкэм
И ӏэужьым къытхуихьар,
Хьэблэ къэскӏэ укӏурийуэ
Щефэ-щешхэу дызыщӏар.
Махуэ къэскӏэ унафэщӏэ
Унафэщӏхэм къыдагъэкӏ,
Дызыхуашэр къытхуэмыщӏэу
Гъащӏэ дахэм дыхагъэкӏ.
Дэращ зейр мы дунеишхуэр,
Цӏыхухэ, фэ сыныволъэӏу,
Дыхэвгъэкӏи хьэ зэрышхым
Дивгъэхьэж дэ цӏыху сурэт.
Читайте также: