Абрэдж нухь текст песни
Обновлено: 23.11.2024
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Мо шыгъуэ къехым си Нухьыр тесщ,
Зы фызи иӏэщи, бынищыр щӏэс мыгъуэщ, уой.
Зи фыз бгъэдэсу, бынищыр зиӏэм
Фӏылъагъуныгъэри даурэ хуэсщӏа мыгъуэт сэ.
Абрэджхэ нысэхэр нызэхотӏысхьэ
"Жьэн узщ" щыжаӏэри, сэ къысхуопсалъэрэ, уой.
Сэ къызэузыр лъагъуныгъэ узщи,
Хущхъуэгъуэ хъунури Абрэджхэ Нухь мыгъуэщ, уей.
Си мамэ дыщэу, мамэм я лей,
Егъэлеяуэрэ си гу хыбогъэщӏ мыгъуэ уэ.
Сигу зэрыхэбгъэщӏым, ухущӏегъуэжынущ,
Си гъащӏэр мащӏэщи, уигу сыкъэгъэкӏ мыгъуэ уэ.
Си мамэ гуащэм нэмэзыр ещӏ,
И нэмэз щыгъэхэр зэпрегъэдз мыгъуэ, уой.
Нэмэзу пщӏари тхьэм зэрыпӏихынур,
Сэ си гуэныхьри къызэрыпхуэгъу мыгъуэщ уэ.
Сыдоӏэбейри, жыгей къудамэр
Си ӏэдиихумкӏэ къыздызохьэхрэ, уой.
Схуэмыхьыжыххэу схуэмышэчыжыр
Фи псалъэ гуауэхэрщ, къысхуевмыгъэхь мыгъуэ, уой.
Си шылэ джанэр си пкъым имыкӏ,
Фэ къызэфщӏа мыгъуэр гум имыкӏыж мыгъуэщ, уой.
Фи унагъуэ лъапсэм шопсыранэ къикӏи,
Мафӏэр къыфщӏыни, фыхиусхьэж мыгъуэ, уой.
Пщэдджыжь къауцыр къызогъэтӏыс,
Пщэдджыжь къауцыри къызогъэтӏысрэ, уой.
Хьэдрыхэ мащэм сыкъыщагъэтӏыскӏэ,
"Си Нухьыр" жысӏэурэ, сыкъэкӏиину мыгъуэщ сэ.
Шы гъуэгу щхьэгъубжэр зэӏузогъэж,
Жьы къабзэ мащӏэри къыщӏызогъэхьэрэ, уой.
Ди деж къыщӏыхьэр ара къысфӏэщӏу,
Псэхэхыр къэсри, си псэр хиха мыгъуэщ, уей.
Си шылэ джанэр си пкъым имыкӏ,
Фэ къызэфщӏа мыгъуэр гум имыкӏыж мыгъуэщ, уой.
Фи унагъуэ лъапсэм шопсыранэ къикӏи,
Мафӏэр къыфщӏыни фыхиусхьэж мыгъуэ, уой.
Си псэр хэкӏауэ, сыщырахьэжьэкӏэ,
Си кхъаблэм япэуэ уэ къыщӏэувэ, уой.
Хьэдрыхэ мащэм сыщырахьэхкӏэ,
Си напӏэр техи, зэ къысӏуплъэж мыгъуэ уэ.
Читайте также: