Текст песни дахэ ц1ык1уу къофэ
Обновлено: 22.11.2024
Уи нитI къыщIэплъыр си псэм зэхещIэр Гур темыгушхуэу хъыринэ йощIэр Псэр зыхуэгуфIэу си гур зыгъафIэ КъакIуи утыкум дыкъыздэгъафэ. И напIэр едзыхауэ дахэцIыкIуу къофэ Пшынэбзэм къекIуу екIуу дахащэу къофэ Сыноплъыу согупсыскIэ cэ схужымыIэ Дахагъыу уэ бдэслъагъур зым хуэзмыгъадэ. ТIэкIу къысхуэгуфIэ си IуплъэгъуафIэ Уи кIуэкIэ дахэр нэкIэ согъафIэ ЗыдыбогъэкIури адыгэ пшынэм СфIощI ущысщIыну нысэ ди унэм. И напIэр едзыхауэ дахэцIыкIуу къофэ Пшынэбзэм декIуу екIуу дахащэу къофэ Пшынэ бзэрабзэкIэр дохьэри мы си псэм Еуэ еуэ пшынауэ еуэ лъапэрисэ. Еуэ лъапэрисе, Еуэ лъапэрисэ, Еуэ лъапэрисэ. Дэнэ кIуа дэнэ кIуа Iэгур дэнэ кIуа? ИкIуэта ИкIЭта джэгум икIуэта Ди пшынауэ Ди пшынауэ Ди пшынауэ ХЬЕЙХЬА . Гу ныпщызмыхуэу махуэр хокIуатэ ПхуэсщIа гухэлъхэр сэ схуэмыIуатэ ПхуэсIуатэу щытми лейу къомыгъанэ Щхьэцыгъуэ дахэм зыхэухуанэ. И напIэр едзыхауэ дахэцIыкIуу къофэ Пшынэбзэм къекIуу екIуу дахащэу къофэ Сыноплъыу согупсыскIэ cэ схужымыIэ Дахагъыу уэ бдэслъагъур зым хуэзмыгъадэ. Дэнэ кIуа дэнэ кIуа Iэгур дэнэ кIуа? ИкIуэта ИкIЭта джэгум икIуэта Дэнэ кIуа дэнэ кIуа Iэгур дэнэ кIуа? ИкIуэта ИкIЭта джэгум икIуэта.
Читайте также: