Черим нахушев хъуапсэгъуэ гъащ1э текст песни

Обновлено: 22.11.2024

Нэр зыщыджэлурэ
Зи теплъэр дахэ
Шэфэл дэхащэри
Къызыритауэрэ
Насып зэк1ужк1эрэ
Ди Тхьэшхуэр
Зыхуэупсэн
Уэрщ си насыпыр
Псэр зы1эщ1эслъхьэр
Хьэтыр уи1эхэмэ
Зыщомыдзейуэрэ
Уэгу дыздибгъыхьэмэ
Хъуэпсэгъуэу дыздэпсэунт

Нэр зыгъэ1эсурэ
Гур зыщ1эхъуэпсурэ
Псэр зыхуэкъабзэурэ
Бзэр зыдэ1эф1ымэ
Ф1ы лъагъуныгъэщи
Зэгъусэу ф1ыщ1э хуэдгъэщ1

Хуэдгъэщ1 ди гъащ1эщи
Къыздэдгъэщ1энущи
Насып къэдгъэщ1ымэ
И лъабжьэ хъунущи
Ди жьыщхьэ махуэмэ
И лъащ1эр щ1эншэ ирехъу

Сигум къихъуэпсыри
Си псэ хэлъхьэжурэ
Жэщым махуэщ1эр
Къысхутришэжурэ
Уэрыншэ гъащ1эмэ
Си гущ1эр ныщ1елъэсык1

К1эух зимы1эри
Ф1ы лъагъуныгъэщи
Щам сыхагъадэми
Уэращ къахэсхыри
Шэчыгъуей гъащ1эмэ
Нэхъ щ1эху уэ сыкъыхэш.

Читайте также: