Бетал иванов ф1ы лъагъуныгъэ текст песни

Обновлено: 13.11.2024

Ежьу:
Ф1ылъэгъуныгъэр щымы1амэ,
Мы дунейшхуэр мыгъэгъэнт.
Ар ц1ыхухэм я гум имылъамэ,
Ц1ыху насыпыф1и щымы1энт.
1.
И лъабжьэр щ1ылъэм хэмытамэ,
Жыгышхуэр сытым щ1и1ыгъэнт?
Дыгъэшхуэр уэгум имытамэ,
Гуф1эгъуэр сытым хуэгъэгъэнт?
2.
Жьапщэр къыкъуээурэ къыхитхъамэ,
И къуэпсыр щ1ылъэм хэк1уэдэнт.
Е ар гу бамп1эм зэгуитхъамэ,
И щхьэк1эр гъатхэм мыгъэгъэнт.
3.
Уи лъэгъуныгъэр мы си гъащ1эм,
Дыгъэу сыт щыгъуи щхьэщытащ.
Къыпэлъэщынтэкъым си гъащ1эм,
Борэни жьапщи зэхыхьам.

Читайте также: