Адыгэ уэрэдыжьхэр текст песни

Обновлено: 19.09.2024

Уэзы Мураткlэ зэджэри щlалэ фlыцlэ къуэгъукъэ (уой).
Шы гъурым тесри (уой маржэ) гъусэ пхуэхъункъым (уой).

Уи шы пэхужьри (уой маржэ) зэрыпхэщlыбгъуэрэ (уой),
Гумкъалэ губгъуэми (уой маржэ) Мурат щозауэрэ (уой).

Зэныбжьэгъу щlалэхэр (уой маржэ) къызэрогъащтэрэ (уой).
Щlылъэр къэмыщтэмэ (уой маржэ) Мурат къэщтэнкъым (уой).

Тет пристафри (уой маржэ) Мурат кlэлъопхъуэрэ (уой).
Бгы пхъуантэ быдэми (уой маржэ) хахуэр дохьэжыр (уой).

Уэ мэкъумэшыщlэхэм (уой маржэ) вы щlогъэщlэжыр (уой),
Уэ уи ижэгъухэри (уой маржэ) жейми къыпхуоскlэ (уой).

Читайте также: