Текст песни жьым фымыщ1

Обновлено: 02.07.2024

ТЕКСТ ПЕСНИ:
Жьыгъэр псоми къытпэщылъщ,
И ӏэмыщӏэм хэти дилъщ,
Ди гум илъу къыдохьэкӏ,
Жьым щӏалэгъуэр зэрехъуэкӏ.

Припев:
Щӏалэгъуалэм сыволъэӏу,
Цӏыхухэм псоми сыволъэӏу,
Жьы хъуа цӏыхур фӏыуэ флъагъу,
Жьым фымыщӏ и жагъуэ.
Маржэ, цӏыхухэм сыволъэӏу,
Жьым фымыщӏ и жагъуэ.

Уэ ухуеймэ пщӏэ-нэмыс
Жьы хъуа цӏыхум хуэщӏ нэмыс,
Жиӏэ псалъэм егупсыс,
Абы, маржэ, къыхэх дерс.

Псалъэ ӏэфӏым лъэр щӏегъэкӏ,
Гум илъ бампӏэр щхьэщегъэкӏ.
Жьым уемыуэ, маржэ, игу
Зэпыбупщӏу уэ и гъуэгу.

Жьыгъэм уещӏыр тэмакъкӏэщӏ,
Жьы хъуа цӏыхум игур хощӏ,
И гурыщӏэр ӏэфӏыщӏоху,
Мыхьэнэншэр жагъуэ щохъу.

Жьыгъэм зыри ӏэщӏэмыкӏ ―
Жыги цӏыхуи ирещӏыкӏ.
Жьыгъэм цӏыхур догулэз,
Хэтми сытми ар къоуз.

Жьыгъэм хэлъкъым зэхэгъэж,
Зыхулъэкӏми къыщхьэмыж,
Фыгъуэижи зыхэмылъ,
Е нэлейкӏи зым емыплъ.

Читайте также: