Текст песни нобэ астемир теркулов
Обновлено: 30.10.2025
Усэу щыIэм я нэхъ дахэр 
Пхуэзуусыну сэ сыпIащIэу 
Лъагъуныгъэм я нэхъ лIапIэр 
ПхуэсIуэтэну сыхуейщ 
⠀ 
Нобэ вагъуэр уэгум изщ 
Си гум зимыгъэнщIу исщ 
Уэ уи макъыр си мэкъамэу 
СфIощIыр сыпсэун 
⠀ 
Гъатхэ дыгъэр уи нэм щIедзэ 
Уимыгъаплъэу зыкъыздещI 
Пасэу удзхэр къэгъэгъауэ 
Си гур щогуфIыкI 
⠀ 
Нобэ вагъуэр уэгум изщ 
Си гум зимыгъэнщIу исщ 
Уэ уи макъыр си мэкъамэу 
СфIощIыр сыпсэун 
⠀ 
Уэ къыспежьэ пщащэ уардэ 
ГъащIэ дахэ зыуухуэн 
Гъуэгур къызэIуех ди мазэм 
Ди насыпыр зы тщIын 
⠀ 
Нобэ вагъуэр уэгум изщ 
Си гум зимыгъэнщIу исщ 
Уэ уи макъыр си мэкъамэу 
СфIощIыр сыпсэун
Читайте также:

