Си анэ текст песни бетал иванов
Обновлено: 21.12.2024
Бетал Иванов - Си анэ (Моя мама)
Сэламыр уэсхауэ, уи 1эр сокъуз
Уи нэк1у зэлъахэм гущ1эр доуз
Жьы ойхъур, си анэ, жьы йохъу, си нэху
Си гъащ1эр щ1эращэщ уэ узи1эху.
Гугъуехьу плъэгъуахэр 1эплъэпкъым къощ
Уи жьыгъэр гуф1эгъуэу жьэгум къыдощ,
Уи нэгум сеплъыхук1э си гур ек1уз
Эжалыр сигу къэк1ымэ си псэр мэуз.
Анэхэм хуэдэ темыт мы дунейм
Зэвгъащ1э бынхэм жэнэт фыхуем
Фымыщ1 зыми я жагъуэ, жьыхэм фащысхь
Я гущ1эр хэвхэщ1у фабгъэдэмыс.
Жьы йохьур, си анэ, жьы йохьу сыт сщ1эн
Си гъащ1эр щ1ыщы1эр уэрщ зыгъэщ1эн
Уи лъагъуныгъэр сигум схуимык1
Схуэпсэу си анэ узбгъэдэмык1.
Жьы йохъур, си анэ, жьы йохъу, си нэху
Си гъащ1эр щ1эращ1эщ уэ узи1эху.
Бетал Иванов - А уи нитIыр
Тхьэмахуэ хьуауэ угубжьащ
Сщ1эркъым, си дахэ, къыпщыщ1ар
Сэ пхуэмыфащэ уэ уэсщ1ауэ
Зыгуэрк1э уи гур хэзгъэщ1ащ.
Пыджэн хьэзыру, а уи нит1ыр
Щхьэ апхуэдизу угубжьа
Уи гуапэ сщ1ынут
Зи яужь ситар.
Уи гу къеуэр сытми къысхуэмыщ1э
Уэр папщ1э хуабжьу си гур хуощ1
Уи гуауэр гук1э зэхэзмыщ1эу
Уэ къыпщыхъауэ 1упщ1э уощ1.
Пыджэн хьэзыру, а уи нит1ыр
Щхьэ апхуэдизу угубжьа
Уи гуапэ сщ1ынут
Зи яужь ситар.
Бетал Иванов - Къабэрдей
Сэ слъэк1амэ дунейр унэ сщ1ынт
Зы блын закъуи абы хуэзмыщ1ынт.
Пщэджыжь пшэплъыр бжэуэ пхухэслъыхьэнт
Уафэ щхьэуэ абы нытеслъыхьэнт.
Сыти жы1э дэни щы1э
Хэкум хуэдэ зы щымы1э
Си лъэпкъ дыщэу, си дуней,
Си Къэбэрдей.
Щ1ылъэр лъэгуу сыщ1этысхьэжынт
Зи гур къабзэр къызэмыфыгъуэнт,
Къысхуэмейри абы щызгъэф1энт
Мамырыгъэр унэ лъащ1э сщ1ынт.
Сыти жы1э дэни щы1э
Хэкум хуэдэ зы щымы1э
Си лъэпкъ дыщэу, си дуней,
Си Къэбэрдей
Нравится Показать список оценивших
Бетал Иванов - Лъапэрисэ 2
Бей дан
Уэри ухьэ
Сэри сыхьэ
Дыщэ сыхьэ
Сыхьэ к1ан
К1ан сыхьэ
Сыхьэ к1ан
Инэ инэ инэ хьуып1э
Зи хьумп1арэ уагьэ щыгьэ
Хурсэ хурсэ хурсанэ
Санэху зэраз кхьузанэ
Дей дей дей баш
Баш мыгьуэ
Махуэ баш
Тхуэмэхуэн
Ф1амыщищэ ф1амыщ1ищэ
Дыщэ к1анэ
Елбэздыкьуэ, дыкьуэнагь
Аргьеипэ шыпэнц1ыв
Ц1ывгьажэ яжьэльэгу
Льэгурыдзыр едзыхыж
Хьэлэмэтыр кьыщыльэтри
Гьуанэ щытым ильэтащ
Гьэщ1эгьуэныр иугьуэнри
Гьуанэ иныр ибгьынащ
Бетал Иванов - Псэук1эщ1э (Новая жизнь)
Дыхуеижкъым Хэкуи, щIылъи,
Къэралышхуэр дгуэшыжащ.
Мылъкуи, дыщи, ди гурылъи
Дэ абыхэм щIыдгъужащ.
Ныбжьэгъуахэм дапыкIыжри,
ЩIыхуэлыуэ дыкъэнащ.
ЛъхукъуэлIахэр дгъэкIэсыжри,
Уанэгуншэу дежьэжащ.
КIэнтIыIу узыр къыщытщтауэ,
Бэзэр джабэр идохъуэкI.
ЛэжьапIэншэу дыкъэнауэ,
ДызэIуплъэм ДызокIуэкI.
Гъуэгум цIынэу ущамышхым,
УщахъунщIэр сытым щыщ.
УамыукIыу пщыгъыр пщахым,
Абы щыгъуэм уи насыпщ.
Хьэм щишхын игъуэту, цIыхум
Щимыгъуэту щылIэ щIым,
ЦIыхум и псэр фIэмыIуэхуу
Хэзыхыфыр хабжэр лIым.
Хабзи бзыпхъи здэщымыIэм,
Сыт псэукIэу щыбухуэн?
Япэ ит джэдэхъур уиIэм,
Хъушэр бгыхум щихъумэнщ.
Ди яужькIэ къакIуэ цIыхухэр
Мы ди Iуэхум хреплъэж.
КъагурыIуэрэ зэхахыфымэ,
И цIэ пэжкIэ иреджэж.
Тхьэ щаIуэжми, мы ди гъащIэм
ЦIыхум и пщIэр щехуэхащ.
Хэкуи мылъкуи ди IэмыщIэм
ДыкIэлъыплъу ирахащ.
Читайте также: