Къуажэ школ текст песни

Обновлено: 21.11.2024

Бжьыхьэ жэпым дыгъэр тепсэм,
Ар уэсэпсу мэкIуэдыж.
ФIыуэ слъагъум сыпIуплъамэ,
Си гукъеуэр сщхьэщокIыж.

МыIэрысэм игъуэр мыхъуу,
И мэ IэфIыр къыпимых.
Лъагъуныгъэр гум нэсакъым,
ЖыпIэу си псэр къыIумых.

Сызыпылъым и щхьэц фIыцIэр,
ЛъэныкъуитIкIэ еухуэн.
А хъыджэбзыр къыздэмыкIуэм,
Си гум дауэ ар техуэн.

Къуажэ пхъащIэм унэпщI-кIуэпщIу,
Бгыпхъэр захуэу яухуэнщ.
Си лагъунэр зэраухыу,
ЛIыгъуэу ядэм, сэ хуэзгъэщI.

Я нэхъ лъагэр Iуэщхьэмахуэщ,
ЩIэгъэкъуэни ар хуэмей.
Уэ узиIэм нэгъуэщI фIыгъуэ,
Сыщыхуейкъым мы дунейм.

Читайте также: