Черим нахушев сызэхомыхым текст песни
Обновлено: 22.12.2024
Ущызмылъагъукlэрэ сэ,
Си гум укъокlри уэ.
Псынэпсу къабзэурэ,
Си гур уэ пхуэкъабзэурэ,
Сыту фlыщэу сэ услъэгъуа!
Псынэпсу къабзэурэ,
Си гур уэ пхуэкъабзэурэ,
Сыту фlыщэу сэ услъэгъуа.
Удз щхъуантlэ дахэхэм сэ
Сахэту къыщызокlухь.
Сыногупсысурэ,
Си гум укъэкlыжмэ,
Мы си нэпсхэр сэ къысфlыщlокl, Сыногупсысурэ,
Си гум укъэкlыжмэ,
Мы си нэпсхэр сэ къысфlыщlокl.
Сызэхэх, сызэхэх!
Сызэхэхи уи гум сыкъэгъэкl.
Зыхызох, зыхызох!
Зыхызохри си гум усхуимыкl.
Уэ укъэслъыхъуэурэ сэ
Си гъащlэр псыуэ йожэх.
Нэпсу щlэзгъэкlри
Уэ умылъагъуми,
Нэгъуэщl мыхъуми зэ сызэхэх.
Псынэпсу къабзэурэ,
Си гур уэ пхуэкъабзэурэ,
Нэгъуэщl мыхъуми зэ сызэхэх.
Сызэхэх, сызэхэх,
Сызэхэхи уи гум сыкъэгъэкl!
Зыхызох, зыхызох!
Зыхызохри си гум усхуимыкl.
Читайте также: